top of page
Проблема семантического определения корня в
кабардино-черкесском языке
The problem of semantic definition of the root in Kabardino-Circassian language
Карданов М.Л., кандидат филологических наук
Кабардино-Балкарский государственный
университет им. Х.М. Бербекова
Kardanov M. L., candidate of philology,
Kabardino-Balkar state University, after H. M. Berbekov
Аннотация: В статье освещаются проблемы, касающиеся вопросов исторического развития и современного состояния адыгских лексем, восходящих к корневым морфемам, в частности, их структурно-семантического наполнения. Выдвигаются новые подходы к данной проблеме и пути ее решения. В исследовании применены историко-сопоставительный, историко-типологический, а также метод внутренней лексико-семантической и словообразовательной реконструкции на основе лексических параллелей, существующих на материалах современного кабардино-черкесского и адыгейского языковых вариантов, при помощи которых выделяется структура и семантика корневых морфем, относящихся к эпохе адыгской языковой общности, которые повлияли на основные тенденции их дальнейшего развития в семантическом и структурном планах.
Abstract: The article highlights the problems related to the historical development and the current state of the Adyghe lexemes that go back to the root morphemes, in particular, their structural and semantic content. New approaches to this problem and ways of its solution are put forward. The study applied historical-comparative, historical-typological, as well as the method of internal lexical-semantic and word-formative reconstruction on the basis of lexical Parallels existing on the materials of modern Kabardino-Circassian and Adyghe language variants, with which the structure and semantics of root morphemes belonging to the era of the Adyghe language community, which influenced the main trends of their further development in the semantic and structural plans.
Ключевые слова: суффикс, корень, адыгский, абхазский, семантика.
Key words: suffix, root, adyghe, abkhazian, semantics.
Адыгэбзэр щIэныгъэ бгъэдыхьэкIэкIэ яджын зэрыщIадзэрэ илъэс куэд дэкIами, псалъэ къэхъукIэм ехьэлIауэ, псалъэхэм япкърылъ купщIэм епхауэ иджыри зэхэгъэкIыпхъэ, убзыхупхъэ Iуэхугъуэ куэд зэфIэхын хуейуэ зэрыщытыр шэчыншэщ. Этимологие, абхъаз-адыгэ бзэ гупым зэдайуэ псалъэ лъабжьэ хэтхэр зэхэгъэкIыным ехьэлIауэ щыIэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр зэрымащIэ дыдэм къапкърыкIкIэ, адыгэбзэм хэт псалъэхэр къыщыхъуа лъэхъэнэ елъытауэ утепсэлъыхьыныр икъукIэ гугъущ.
«…пасэ дыдэу кавказ къухьэпIэ бзэхэр щызэфIэува, зыщаужьа адыгэ-убых лъэхъэнэмрэ абхъазымрэ къыхэбгъэкI зэрыхъунум арэзы утемыхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым», - етх Къумахуэ М. [I. с. 253]. Абы къыхэкIкIэ, абхъаз-адыгэ бзэ гупым зэдайуэ щыт псалъэ лъабжьэхэм я гугъу пщIын ипэ, а Iуэхугъуэм и бгъэдыхьэкIэ нэхъ тыншу доплъ адыгеибзэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэу зэхэдмыгъэкIыу, адыгэбзэм и псалъэ лъабжьэхэм купщIэр убзыхуауэ къыхэгъэбелджылыкIыныр.
Морфемэ и лъэныкъуэкIэ адыгэбзэм и псалъэхэр щызэхэбгъэкIым деж, гу лъумытэу къанэркъым иджыри къэс суффикс, префиксу ябжу щыта куэдыр лъабжьэ морфемэу зэрыщытар икIи нобэр къыздэсым апхуэдэу зэрыщытыр. Абы дэщIыгъуу, аффиксхэм щыхагъэхьар мащIэкъым макъ дэщIыгъупхъэу (фонетикэ наращенэ) къэлъытэн хуейхэр.
Куэдрэ дрохьэлIэ морфемитIыр зыуэ щабж, псалъэм папщIэ, -р/-рэ Iыхьэхэр нобэрей, тхэрей, дыхьэшхрей, нэгъабэрей, лажьэрей, н. псалъэхэми. Щапхъэу къэтхьахэми, абыхэм ящхьхэми, -рей Iыхьэр псалъэ къэзыгъэхъу суффиксу къыщалъытэ бзэщIэныгъэлIхэм (Къумахуэ М., Шагъыр I., Урыс Хь.).
ЖытIэм щыхьэт техъуэу, зи гугъу тщIы, иджы щыIэ грамматикэм суффиксу къилъытэ морфемэм апхуэдэ щытыкIэ ухуиIэ зэрымыхъунур, абы -ей- Iыхьэр къызэрыхэгъэкIыпхъэр семантикэ и лъэныкъуэкIэ зэпкърытхынщ. Зи гугъу тщIы морфемэм иджырей адыгэбзэм купщIэу тIу щиIэщ:
-
Зи гугъу ящIыр зыгуэрым ейуэ зэрыщытыр: сысей «мой/моя», ей «его/её», Адыгей – адыгэм+ей «Адыгея (букв. Адыгов)», Къэбэрдей – Къэбардэ+ей «Кабарда (букв. Кабардова»);
-
Зыгуэрым гуемыIуагъ щытыкIэ зэрыхуаIэр, Iеягъ кърырагъэлъагъуэ: - Iей. Егъапщэ:. гуей «зловредный», гу «сердце» + ей «дурное, скверное».
Япэ псалъэ гупым «суффиксым» купщIэ щаIыгъым - зи гугъу ящIыр зыгуэрым ейуэ зэрыщытыр – шэч къызэрытумыхьэным щыхьэт иджыри техъуэ щапхъэхэщ къуажэхэм адыгэ фIэщыцIэу зэрахьэхэр: Къундетей (букв. Куденетово), Ислъамей (букв. Исламово), Мысостей (букв. Мисостово) н.
ЕтIуанэ псалъэ гупым морфемэм пкърылъ купщIэр наIуэ щыхъупэу щыткъым. Ипэм къыщытхьа щапхъэхэм морфемэ – ей-м зи гугъу ящIыр «зыгуэрым ейуэ зэрыщытыр» купщIэу щиIэмэ, етIуанэ щапхъэ гупым а морфемэм «гуемыIуагъ, Iеягъ», «зыгуэр ебэкIын», «зыгуэр емэщIэкIын» гупсысэ япкърылъын хуеякъым. КупщIэ зыбжанэ зиIэнкIэ хъуну лъабжьэ морфемэм къыщхьэщыкIыу, адыгэбзэм и аффиксхэм яIэри, яIэн хуейри зы купщIэщ: ин «большой» - инышхуэ «очень большой», дахэ «красивый» - дахэшхуэ «очень красивый». Суффикс – шхуэ- м нэгъуэщI мыхьэнэ иIэу бзэм щапхъэ щыдгъуэтакъым. «Зи щхьэ хущытыж псалъэр префикс щыхъур ар купщIэ щхьэхуэ зиIэ нэгъуэщI псалъэ гуэрым пыувэу абы категорие и лъэныкъуэкIэ бгъэдилъэхьэIамэщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ тегупсысыкIа (отвлеченно) купщIэ гуэр иритмэщ», - етх Н.М. Штейнберг [4, 144-145].
Зи гугъу тщIа щапхъэхэми, илъабжьэкIэ къэкIуэну куэдми хэт псалъэхэм «аффикс» зыфIаща IупщIэхэм, купщIэ щхьэхуэ яIэу къыщокIуэхэр. Абы къыхэкIкIэ, зи гугъу тщIы IупщIэм мысуффиксу, атIэ купщIэ зыбжанэ зыгъуэта лъабжьэ морфемэу еплъын хуейуэ къыдолъытэ.
Морфемэ – ей-м купщIэ бгъэдэлъхэр нэхъ наIуэ хъун папщIэ, таблицэм къыщыдгъэлъагъуэнщ:
Ещанэ гупу къыхэдгъэщхьэхукIам хэтыр –ей- мыхъуу –кIей- уэ, къыхэзыгъэкIхэм мыарэзыныгъэ къыжаIэнкIэ мэхъу. Бзэм и кIуэцIкIэ псалъэм иIа теплъэр къызэфIэдгъэувэжкIэрэ кIахэ псэлъэкIэм и щапхъэ къэтхьынщ: дэгъуэкIей (къэб.) - дэгъукIайэ (кIахэ). Дэгъуэ Iыхьэм къыкIэлъыкIуэу морфемэ -кI- къыхэгъэкIыпхъэщ «апхуэдэ щIыкIэ, щытыкIэ зиIэ» купщIэ иIыгъыу икIи езы псалъэр «дэгъуэ+щIыкIэ/щытыкIэ+ебэкI» жиIэу къызэпкърыхын хуейщ. Щапхъэм хэт -кI-р егъапщэ зекIуэкIэ, псэлъэкIэ, шхэкIэ, н. щапхъэхэми хэт Iыхьэм.
Зи гугъу тщIы лъабжьэ морфемэр (ей) –жьей- жыхуэтIэми «зыгуэр емэщIэкIын» купщIэр иIыгъыу къыщыхэгъэщхьэхукIын хуейщ: цIыкIужьей, шынакъыжьей. Япэ щапхъэр ебгъапщэ хъунущ цIыкIужьэ «маленький очень» псалъэм.
Къэбэрдеймрэ кIахэмрэ я плъыфэцIэ къэгъэхъукIэр зэплъытмэ (нобэрей/непэрэ «сегодняшний», дыгъуасэрей/тыгъуасэрэ «вчерашний»), адыгэбзэм зэдай -рэ- Iыхьэм къэбэрдей псэлъэкIэм -ей- морфемэмкIэ «зи гугъу ящIыр зыгуэрым ейуэ зэрыщытыр» купщIэр иIэу щIэгъэхуэбжьэныгъэ щигъуэтауэ икIи абы иIыгъ гупсысэм хигъахъуэурэ къэбэрдей псэлъэкIэм аткIэ зыщиужьауэ жыпIэ хъунущ. Иджырей къэбэрдей псэлъэкIэм –рэ- морфемэм псалъэ къызэригъэхъуфыну мардэр къемэщIэкIри, абы ихь купщIэр - ей-м и пщэ къыдэхуащ.
Iей "дурное, скверное" псалъэм и япэ Iыхьэм "гъунэгъуу щымыIэн» купщIэр иIыгъыу къыхыдогъэкI, егъапщэ: IыIы/ыIы "нет". Зэ еплъыгъуэкIэ «гъунэгъуу щымыIэн» купщIэр бгъэдэлъу нэрылъагъукъым, ауэ адыгэ псалъэхэм я къэхъукIэ, купщIэ и лъэныкъуэкIэ щызэпкърыпхкIэ, гу лъытапхъэщ къызэрыгуэкI псалъэ лъабжьэхэр макъ дэкIуашэрэ макъзешэрэ къудейуэ зэрызэхэтым икIи апхуэдэ лъабжьэ къызэрыгуэкIым антоним зэхуэхъу купщIэ зиIэ псалъэхэу/купщIэхэу зэрызэпэувым. Мыпхуэдэ щытыкIэр зи гугъу тщIы псалъэми иIэу гу лъыдотэ.
КIуэIым, иIэIым, сщIэIым псалъэхэмрэ абыхэм ещхьхэмрэ фарингал абруптив къI, къIу- хэр ларингал абруптив I, Iу- хэм хуэкIуауэ [2. с. 47] къызэралъытэм шэч къытепхьэ хъуну къыдолъытэ. Iы/Iэ IупщIэхэм "гъунэгъуу щыIэн" купщIэ зэрапкърылъым щыхьэт техъуэ щапхъэхэм къахэбгъахъуэ хъунущ: къэIэгъуэн "приблизиться к кому-чему-либо", къэ- префиксым лэжьыгъэр здэунэтIар къегъэлъагъуэ + Iэ "гъунэгъуу щыIэн" + гъуэ/ы "и гъусэу". Мы щапхъэм -Iэ- Iыхьэмрэ Iэ «рука» Iэпкълъэпкъым щыщымрэ зэрызэпхам шэч хэлъкъым икIи гупсысэпкъыр (логика) къызэтрикъутэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэу Iэ-кIэ зэджэм игъэзащIэ Iуэхугъуэу щытщ «жызыIэм/зыщIэм гъунэгъу дыдэу къыбгъэдэмылъ гуэр гъунэгъу къызэращI».
Акъылэгъу удэмыхъункIэ Iэмал иIэкъым Къумахуэ М. и псалъэхэм "...адыгэхэм зэдай бзэжьымрэ (праязык) абхъазхэм зэдай бзэжьымрэ иджырей адыгеибзэмрэ абхъазыбзэмрэ хуэдэу тхыдэ лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэн хуейщ, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм лъабжьэм узытекI мыхъун теплъэ закъуэ фIэкI имыIэныр пцIы ещI [I. с. 274]. Зи гугъу тщIа еплъыкIэм утетмэ, жыпIэ хъунущ Iы/Iэ лъабжьэр ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа купщIэхэр иIэу жьы дыдэу бзэм хэтауэ икIи хэту, ауэ щымыIэныгъэ, мыдэныгъэ къэзыгъэлъагъуэ суффиксу къэбэрдей псэлъэкIэм – къым, кIахэ псэлъэкIэм –рэп-хэр къыхэхъукIыжауэ.
Зы бзэ е зы псэлъэкIэ хэхауэ бзэжьу къыхэбгъэкI зэрымыхъунум щыхьэт тохъуэ абхъазыбзэмрэ адыгэбзэмрэ щызекIуэ щапхъэхэр. Абхъазыбзэм хэт шь-мрэ адыгэбзэм щызекIуэ лъ-мрэ макъ зэпэджэжу къалъытэ кавказыбзэхэр зыджа, зыдж щIэныгъэлIхэм (Трубецкой Н.С., Яковлев Н.Ф., Шагъыр I.Къ, Абдокъуэ I.И., н.): адыгэбзэ лъы – абхъ. ашьа, абаз. шьа, убых. лъэ, псоми "кровь" купщIэр яIэщ. ДызэреплъымкIэ, шь-лъ-хэр макъ зэпэджэжу зи гугъу тщIы бзэхэм сыт хуэдэ щапхъэхэми къыщыплъытэ хъунукъым.
Макъ зэпэджэжу шь-мрэ лъ-мрэ "кровь" купщIэр япкърылъу къыщежьар хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зы бзэ яIэу щыщыта лъэхъэнэрщ, Абы щыхьэт техъуэу мы щапхъэхэр зэбгъапщэ хъунущ: къуэш "брат", зэш "братья", шыпхъу "сестра", шы нэхъыжь "брат старший", адэш "близкая родня со стороны отца", анэш "близкая родня со стороны матери". Мыбыхэм –шь- лъабжьэм «кровь» купщIэр яIэу къыщокIуэ. ИужьыIуэкIэ лъы-м «кровь» купщIэ иIыгъыу бзэм къыщыхэхъукIыжа лъэхъэнэр куэдкIэ иужькIэщ, адыгэбзэмрэ абхъазыбзэмрэ зэпэщхьэхуэ хъуауэкIэщ. Шагъыр I. къуэш, шыпхъу псалъэхэр къуэ+шы, шы+пхъу жиIэу зэхэту къелъытэ [3. с. 29] икIи щIэныгъэлIым къызэрилъытэмкIэ, Н.Ф. Яковлев а псалъэхэм купщIэу яIэу итхым арэзы утехъуэ хъунукъым - "сын-сородич", "сородич дочь". (ар дыдэм, 30). Н.Ф. Яковлевыми, Шагъыр I. и еплъыкIэми къыщхьэщыкIыу, зи гугъу тщIы щапхъэхэм купщIэу япкърылъу къэлъытапхъэщ лъыкIэ къуэ "сын крови/по крови", лъыкIэ пхъу "дочь крови/по крови". Егъапщэ, ср. шы нэхъыжь "брат старший", зэш "братья".
Ди къэхутэныгъэм къызэригъэлъэгъуащи, иджыри къэс аффиксхэм хабжэу щыта IупщIэ куэдым худиIэ щытыкIэр хъуэжауэ лъабжьэ IупщIэу къэлъытэн хуейуэ еплъыпхъэщ.
Литература
-
Кумахов М.А. Очерки общего и кавказского языкознания. Нальчик: Эльбрус, I984. -328 с.
-
Урыс Хь.Щ. Адыгэбзэм и тхыдэ. Налшык: КъБКъУ, 20I4. -360 нап.
-
Шагиров А.К. Очерки по сравнительной лексикологии адыгских языков. Нальчик: Кабардино-Балкарское книжное издательство, I962. -2I6 с.
-
Штейнберг Н.М. Аффиксальное словообразование во французском языке. Суффиксация и префиксация. Ленинград. Из-ние Ленинградского университета. 1976. – 201 с.
bottom of page