top of page
Адыгэбзэ пэжырытхэ псалъалъэ
Пэжырытхэ псалъалъэм лъабжьэ хуэхъуащ 1982 гъэм Урыс Хьэтэлийрэ Зэхъуэхъу Лиуанрэ къыдагъэк1ауэ щыта "Орфографическэ псалъалъэ"-р. А лэжьыгъэм урыс, интернационал псалъэу адыгэбзэм къыщыдмыгъэсэбэпыхэххэр хэдгъэкIащ, дэгъэхуа хъуа адыгэ псалъэ куэд щIыдгъужащ.
Абы нэмыщI, урыс псалъэхэм е урысыбзэм къыхэкIауэ нэгъуэщIыбзэ псалъэхэм япыт суффиксхэр къыздезэгъхэм деж пыдгъэкIащ. п.п.: театральнэ - театр, акробатическэ - акробат.
Шэч хэлъкъым адыгэ щапхъэ лэжьыгъэм иджыри къызэрыхуэтым, абы къыхэкIкIэ, мы программэр ухэIэбэж, щIыбгъуж хъуну гъэпсауэ щытщ.
Пэжырытхэр щыдгъэхьэзырым щIэгъэкъуэнышхуэ къытхуэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмрэ IэщIагъэм щыхуеджэ студентхэр: Къармэ Миланэ, Къамбот Марианнэ, Мокъуэ Лаурэ, Къылыш Алёнэ, Хъуран Миланэ, Щоджэн Аминэ, Бакъ Каринэ, Къунаш Лянэ, Бацэ Залинэ, ХьэцIыкIу Залинэ.
Лэжьыгъэр зэгъэзэхуэжыным, щыуагъэхэм кIэлъыплъыным, псалъэхэр щIыгъужыным елэжьахэщ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и егъэджакIуэхэу Къардэн Мусэдинрэ Езауэ Мадинэрэ.
Редактор нэхъыжьыр: Къардэн Мусэдин.
Техникэ и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэр къупхъэм иригъэуващ Хьэмдэхъу Анзор.
bottom of page